Махэщ, Зек1уэ гъэлъагъуэныгъэмрэ теплъэгъуэ зэк1элъык1уэхэмрэ
Мазае – Фок1адэ, 2026 гъэ
«Махэщ, фыхуэсакъ!» зек1уэ гъэлъагъуэныгъэмрэ теплъэгъуэ зэк1элъык1уэхэмрэ унагъуэм епха гукъэк1ыжхэм ц1ыхур ириплъэжу, ахэм я мыхьэнэр зыхищ1ык1ыным хуэгъэпсащ. Матевосян Лилит, Губайдуллинэ Гульшат, В-Л-В-Ш-М-Д, Селезнев Владимир, Селезневэ Катя, Волков (Гафиятуллин) Денис сымэ унагъуэ дэфтэрхэм къызэщ1игъэуша гукъыдэжыр я гъуазэу ягъэхьэзыра гъэлъагъуэныгъэр ирахьэжьэнущ 2026 гъэм и мазае мазэм. Зэ 1уплъэгъуэк1э къызэрыгуэк1 пхъуантэм дэлъу кърашэк1ынущ хьэпшыпих, дэтхэнэми езым и хъыбаррэ гукъэк1ыжрэ зэпылъхэр.
Къалэхэмрэ къэралхэмрэ зэблихъук1эрэ, пхъуантэм зэщ1егъэхьэ ц1ыхущ1эхэр, макъыщ1эхэр, 1эдакъэщ1эк1хэр, хьэпшыпыщ1эхэр, хъыбарыщ1эхэр. И к1эм и к1эжым, псори зэу1у хъуа нэужь, Германием, Майнэ 1ус Франкфурт къалэм щагъэлъэгъуэнущ зек1уэшхуэм щызэхуахьэса хьэпшыпхэр.
Хабзэ пыухык1ам къемызэгъыу траха сурэтхэм зэуэ гу лъыптэкъым. Ауэ ахэращ псэ зы1утри, гукъэк1ыжхэм я хъумак1уэри. Ахэм къа1уатэ хамэ тхьэк1умэхэмрэ нэхэмрэ щабзыщ1 куэд. Апхуэдэ теплъэгъуэхэр къызыгуры1уэри зэхэзыщ1эри унагъуэрысхэрщ. Зи гугъу тщ1ы сурэтхэрщ утыку кърахьэнур, щ1эщыгъуэ гуэрым пэщ1эдзэ хуэхъуну, зи 1уэтэж дыщ1эдэ1уну ирахьэжьэр.
Мы гъэлъагъуэныгъэм къалэнит1 егъэзащ1э: пхъуантэм дэлъ хьэпшыпхэм къахэхъуэ зэпыту зек1уэнымрэ а зек1уэм к1элъыплъ ц1ыхухэм я зэпыщ1эныгъэр гъэунэхунымрэ.
Хэт ихъумэрэ апхуэдэ дэфтэрхэр? Сыт хуэдэ 1эмалхэмк1э пхуэхъумэну гукъэк1ыжхэр, сыт хуэдэхэри к1уэдыжагъэххэ? Сыт елъыта сурэтыщ1ым гукъэк1ыжхэм я 1эф1ыр къыдгуры1уэнымрэ зытщ1эжынымк1э?
Гупым хэтхэщ: Матевосян Лилит, Губайдуллинэ Гульшат, В-Л-В-Ш-М-Д, Селезнев Владимир, Селезневэ Катя, Волков (Гафиятуллин) Денис, Денкманн Иринэ.
Унафэщ1ыр: Денкманн Иринэщ.
Дизайн: Денис (Гафиятуллин) Волков